- лъагъун
- I (елъагъу) перех. гл. 1. видеть, воспринимать зрением что-л./ Нэм къищтэн, къиубыдын, теплъэн.* Жэщым къуаргъхэм къалъэтыхьу хэт игъащIэм илъэгъуа. Нарт.2. повидать многое/ Нэгум щIэкIын, гъэунэхун.* Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищIэркъым. Псыжь. Куэд зыгъащIэ куэд елъагъу. (погов. )Жагъуэу лъагъун см. жагъуэу.ФIыуэ лъагъун см. фIыуэ.{И} хьэтыр лъагъун см. хьэтыр.II устар. возлюбленный/ Зэпылъ, фIыуэ ялъагъу цIыху; щIасэ.* ПщIантIэшхуэм зыщызоплъыхь, си лъагъуныр къыщыхэмыхьэкIэ, сигу и жагъуэу унэм сокIуэж. Къэб. фольк.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.